uz
Feedback
Djarez Club

Djarez Club

Kanalga Telegram’da o‘tish

Djarez - ублэщIакIуэ гуп - Circassian language club - Адыгэбзэр мэхасэ

Ko'proq ko'rsatish
934
Obunachilar
Ma'lumot yo'q24 soatlar
-17 kun
-630 kun
Postlar arxiv

Repost from Astemr

Repost from Bgiris gurbian
"Шэхэх уэрэд" Шыкӏэпшынэр зыгъэпсалъэр ХьэхъупащIэхэ ӏэстемырщ. Ежьур Хьэщэхэ Мухьэмэдщ. Щӏыпӏэр: Къэбэрдей жэщтеуэр къыщыхъуа Къетыкъуэ тӏуащӏэ и деж, Балъкъ ӏуфэ.

Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт… 1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазиб
Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт… 1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ. 1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт. Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат). ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!

Удж • Хэгъэгу джэгушхо

⚡️ ХЭГЪЭГУ ДЖЭГУШХО ❗️ 6 октября, в рамках празднования Дня республики, в Майкопе состоится Хэгъэгу джэгушхо – большой вечер черкесских танцев. Мероприятие состоится в городском парке, на аллее со стороны ул. Гагарина. Ожидается большое количество гостей и участников из разных регионов и стран проживания адыгов. Кроме того, в рамках «Хэгъэгу джэгушхо» пройдёт Фестиваль джэгуакIо, в котором примут участие хьатиякIо из районов Адыгеи. Кроме того, всех гостей будет ждать выставка изделий народных промыслов и ремесел. Лучших исполнителей танцев, музыкантов и джэгуакIо будут ждать призы. Приветствуются участники в национальных костюмах – адыгэ шъуашэ. Начало – в 15:00. Приглашаются все желающие! Джэгушхо проводится при содействии ОД «Адыгэ Хасэ – Черкесский парламент» РА и ансамбля адыгского танца «Абреки». 🗡 🗡 🗡 Чъэпыогъум и 6 Мыекъуапэ Хэгъэгу джэгушхо щыlэщт. Къэлэ паркым, урамэу Гагариным ылъэныкъокlэ идэхьапlэ джэгур щашlыщт. Ащ хэлэжьэнэу хьэкlабэ Мыекъуапэ къэкlощт, нэмыкl шъолъырхэм, къэралыгъохэм ахэр къарыкlыщтых. Анахь къэшъокlо дэгъухэм шlухьафтынхэр афагъэхьазырыгъ. Адыгэ шъошэ зэкlужь зыщыгъ къэшъуакlохэр шъхьафэу къыхагъэщыщтых. Хэгъэгу джэгушхор чъэпыогъум и 6-м, сыхьатыр 15:00 рагъэжьэщт. Адыгэ шъуашэхэр ащ хэлэжьэщтхэм къызщалъэмэ нахьышlу. АР-м иобщественнэ зэхахьэу «Адыгэ Хасэ – Черкесский парламент» зыфиlорэм ансамблэу «Абреки» игъусэу Хэгъэгу джэгушхор зэхащэ.

Repost from Bgiris gurbian
Фащэми лъэпкъыми хуэфащэу Къайсэр адыгэ хасэм къызэригъэпэщауэ Къайсэр къалэкум (Тыркум) деж Фащэ гъэфӏэж махуэм теухуа пшыхь
+9
Фащэми лъэпкъыми хуэфащэу Къайсэр адыгэ хасэм къызэригъэпэщауэ Къайсэр къалэкум (Тыркум) деж Фащэ гъэфӏэж махуэм теухуа пшыхь екӏу щекӏуэкӏащ - къалэм адыгэ зэрыдэсыр, я хабзэр зэраӏыгъыжыр, я кӏулътӏурэр зэрагъэлъапӏэр къыхэщу. Къайсэр и хьэблэ нэхъ ин дыдэхэм щыщу Таласкӏэ зэджэм и ӏэщхьэтет Тэӏэщ Ешари нэгузыужьым зыкърыригъэхьэлӏэри и лъэпкъэгъухэм я ӏуэхур ядигъэдэхащ, ядиӏыгъащ. Хамэм укъызэращӏэнур уи бзэщ, уи хабзэщ, уи ӏуэхущ. Фызыхэсым факъыхэщрэ фахэмыгъуащэу, фи фащэм фыхуэфащэрэ фипкъ мыкӏуэду Тхьэм фыщигъыӏэ ди жылэгъухэр. Дызэхыхьэжыныр, ди хэку дыщызэрыгъуэтыжу дыщызэрыубыдыжыныр Тхьэм насып тхуищӏ. Мыдрейуэ, Къайсэр хасэми, абы иджыпсту и гуащэтет Уэтей Нуршэхьи Тхьэм фи гуащӏэр игъэбагъуэ Шыбзыхъуэхэ ӏэстемыр

Нобэ фащэгъэфIэжщ Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр зэрызэпцI лъандэрэ, гъащIэм щыщщ щыгъыныр, зыхуэпэныр Iэщэ-фащэр, фэилъхьэгъуэ
+5
Нобэ фащэгъэфIэжщ Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр зэрызэпцI лъандэрэ, гъащIэм щыщщ щыгъыныр, зыхуэпэныр Iэщэ-фащэр, фэилъхьэгъуэхэр. А лъэхъэнэ жыжьэ-пасэрейр нобэрейм къэсыху, ди адыгэм щитIэгъэну щыгъыныпхъэр къызэхих-къызэхищIыкIщ псэущхьэхэм я фэ, яц хуэдэхэр, къэкIыгъэхэр (шыпсыранэр, щIэпыр, джыныгур, н.къ). Ауэрэ, ныбжьыр жьым хэту здэкIуэм, щыгъыныгъуэхэр, фащэхэр я щIыкIэкIэ, теплъэкIэ, къызэхащIыкIкIэ, къыхэщIыкIыкIэкIэ зиужьурэ хохъуэ. «Зыхуэбгъэфащэр уи фащэу» жиIащ адыгэм, икIи адыгэ фащэр, дауикI, хабзэм къыдэхъуащ. НтIэ, ди цIыхубз фIэрафIэхэм я Iэпэ-IэсагъэкIэ, IэпщIэлъапщIагъкIэ, набзэгубзаплъагъкIэ шу блэкIым бзыпхъэ трахрэ, данэмрэ дыщэмрэ зэхащэу, зэхаджэу, я дыщэидэр щхъэращхъэу, ди фащэр факIуэрэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми екIуу, ещхьу дыкъахуапэ. ХэткIи щапхъэр фIымрэ дахэмрэщ. Аращ къызыхэкIар адыгэм нэсэпасэу зэригъэпэща фащэ дахэр щапхъэ хъууэ хамэри, хэхэсри къыдэплъу, къыддэплъейуэ щIыщатIэгъар, фащэ щIахуэхъуар. А псор зи фIыщIэ ди адыгэ цIыхубзхэ, хабзэу щыIэр тхуэзыгъафIэ, фIыуэ щыIэм я къуэкIыпIэ, фызэщыхуэпыкIауэ, фызыхуэныкъуэ щымыIэу, фызэхъуапсэ къывэхъулIэу сыт щыгъуи ди жьантIэм Тхьэм фыдигъэс!

Repost from CHAPSH
Созэрэщ. Кlапщ. Тхьэшхуэгухьэж. _____________________ Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ! Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ.

ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ! Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэв
ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ! Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ. Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ! Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.

Repost from CHAPSH
Кlапщ. Лъанцуакlу. Ажэгъафэ.

Repost from nur_kbr_
– Адыгэбзэр фхъумэжыну фыхуей? АтIэ ар фи быным яIурыфлъхьэ.🥰 – Дапхуэдэу?🤔🧐 – НэIурыту! Фи блыным кIэрылъу. 👩🏻‍🏫 Адыгэ алфавитымрэ абы и щэхухэмрэ лъэныкъуитIымкIи сурэтышхуэу тету.😍 – Дэнэ къитхыну?🤷🏻‍♀️🕵🏻‍♀️ – Тхылъ щапIи зы тыкуэни щывгъуэтынукъым.🌷 Iэ тевдзэнуращ фи унэ фыщIэсу.🌸 – Сытым?🤓 – Къэралым пудыкIейуэ сабийхэм къахудигъэкI «Нур» журналым и 10-нэ къыдэкIыгъуэм. 🤩 Ар плакату зэкIуэцIыкIынущ.🤗 – И уасэр?💰 – Сом 2⃣5⃣-рэ. Ауэ фепIэщIэкI, зыхэвмыгъэкIыж. Махуитху къэнэжауэ аращ.😱 ФызыщIэупщIэну псоми я жэуап къыщыфIэрыхьэнущ мыбдеж.👇🏻 Тел.📲 89034255395 📞☎

Repost from CHAPSH
Кlапщ. Мафlэ. Шыкlэпшынэ.

1. Пэ - ноздри - naris 2. Нэ - глаза - oculus 3. ХъапIэ/ ПIуэн - чешуя - squamae 4. Жьалэтет - жаберная крышка - operculum 5.
+2
1. Пэ - ноздри - naris 2. Нэ - глаза - oculus 3. ХъапIэ/ ПIуэн - чешуя - squamae 4. Жьалэтет - жаберная крышка - operculum 5. Курыжэ - боковая линия - ligne laterale #Djrz_Псэущхьэ